Загрузил Lyana Kogotyzheva

НОД "унэ цIыкIу" на кабардинском языке(

реклама
Зыгъэпсэхугъуэ зэман
«Унэ цIыкIу»
урыс таурыхъ
Илъэсищ–плIы зи ныбжьхэм папщIэ
Зыгъэхьэзырахэр: Гугъуэтыж Ланэ
ЗэрекIуэкIыну щIыкIэр
Хуэзыгъэхьэзыр лъэхъэнэ
ГъэсакIуэ: Фыкъеблагъэ, цIыкIухэ!
Фыкъеблагъэ, дыгъэщыгъэхэ!
ГъэсакIуэ: ЦIыкIухэ къэдвгъэщIэжыт, сыт хуэдэ таурыхъ фэ фщIэхэр?
ЦIыкIухэм: «Дыщэ джэдыкIэ», «Бэлыджэ», «Къырумрэ бажэмрэ», «ЩIахъуэ
хъурей», «ХъумпIэцIэдж»
ГъэсакIуэ: НытIэ дэ нобэ ди нэгу зедгъэужьыну таурыхъым дыкIуэнщ.
Ди нэ цIыкIухэр зэтетпIэнщ.
Таурыхъым дэ дыкIуэнщ.
(зыдогъэкIырахъуэ)
Ди нэ цIыкIухэр къэдгъэплъэнщ,
дыздэщыIэми деплъынщ.
ГъэсакIуэ: Сыт хуэдэ таурыхъ дыкьыздэхутар? Ар къэтщIэн щхьэкIэ къуэжыхь
къэтщIэн хуейщ.
Унэ цIыкIу гъуэгу Iуфэм Iутщ,
Гъуэгур ар къуэлэн цIыкIущ.
ХьэкIэхъуэкIэхэр щопсэу,
Сыт фIащар а унэм?
(Унэ цIыкIу)
ГъэсакIуэ: Дыщэ пхъуантэр зэтызох,
Абы дэлъхэр къыдызох.
(хьэкIэхъуэкIэхэм я пыIэхэр)
ГъэсакIуэ: Жьыи щIэи, ини цIыкIуи
Таурыхъ едэIуэн я фIэфIщ,
Ауэ псом нэхърэ нэхъыфIыр
Таурыхъым уэ ущыджэгунырщ.
Иджы занщIэу зытхуэпэнщ,
Таурыхъыми дыхыхьэнщ.
- Уэ уы бажэ дахэ цIыкIущ.
- Уэ уы дызыгъуэ гъуэрыс цIыкIущ.
- уэ уы хьэндрыкъуыкъуэ джэрей цIыкIущ
- Уэ уы дыгъужь гъуабжэ хъунщ.
- Уэ уы тхьэкIумэкIыхь-къэжыхьырейщ.
- Уэ уы мыщэ лэбышэщ.
Къэнэжахэр унэ цIыкIущ.
ГъэсакIуэ: Итщ ди губгъуэм унэ цIыкIу.
(я Iэхэр зэроубыд)
ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу.
Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ.
Унэ цIыкIур губгъуэм итщ.
И закъэу цIыкIущ.
ГъэсакIуэ: Унэм пэгъунэгъуу зы Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIу блэж пэтрэ,
къэувыIэри, щIэупщIащ:
Дзыгъуэ-гъуэрыс: Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур?
ГъэсакIуэ: Зыми жэуап къыщимытыжым, Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIум мурад
ищIащ унэм щыпсэуну.
ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу.
Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ.
Унэ цIыкIур губгъуэм итщ.
И закъэу цIыкIущ.
ГъэсакIуэ: Зы Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIу пкIэм-лъэурэ, унэм пэгъунэгъу
къыхуэхъури, щIэупщIащ:
- Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур?
-Сэращар, Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIуращ! Уэ ухэт?
- Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей удзыфэ цIыкIущ!
- КъакIуэ, зэгъусэу дыпсэунщ.
ГъэсакIуэ: Хьэндыркъуакъуэр унэм щIэпкIащ. Арати, а тIум зэгъусэу псэун
щIадзащ.
ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу.
Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ.
Унэ цIыкIур губгъуэм итщ.
И закъэу цIыкIущ.
ГъэсакIуэ: Унэм пэгъунэгъуу ТхьэкIумэкIыхь-къэжыхьрейр блэж пэтрэ,
къэувыIауэ, щIоупщIэ:
- Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ.
- Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей удзыфэ цIыкIущ. Уэ ухэт?
- Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьрейщ.
- КъаIуэ, ди гъусэу упсэунщ!
ГъэсакIуэ: ТхьэкIумэкIыхьыр гуфIэжу унэм цIыкIум щIэлъэдащ. Щыри
зэгъусэу псэууэ щIадзащ.
ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу.
Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ.
Унэ цIыкIур губгъуэм итщ.
И закъэу цIыкIущ.
ГъэсакIуэ: Зы Бажэ цIыкIу унэм гъунэгъу дыдэу къекIуалIэри, щхьэгъубжэм
теуIуэри щIэупщIащ:
- Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ.
-Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIущ.
- Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ. Уэ ухэт?
- Сэ сы-Бажэ цIыкIущ.
- КъакIуэ, ди гъусэу упсэунщ!
ГъэсакIуэ: Бажэ цIыкIур,зыхуеиххэр арати, унэм щIыхьащ. ПлIыми зэгъусэу
псэууэ щIадзащ.
ЦIыкIухэм: Унэ, унэ, унэ цIыкIу.
Унэ цIыкIур дахэ цIыкIущ.
Унэ цIыкIур губгъуэм итщ.
И закъэу цIыкIущ.
ГъэсакIуэ: Дыгъужь гъуабжэр унэм къежалIэр ибжэмкIэ щIэплъэурэ
щIэупщIащ:
- Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ.
-Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIущ.
- Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ.
- Сэ сы-Бажэ дахэ цIыкIущ. Уэ ухэт?
- Сэ сы-Дыгъужь гъуабжэщ.
- КъакIуэ, ди гъусэу упсэунщ!
ГъэсакIуэ: Дыгъужь гъуабжэм унэм зыщIигъэхуащ. Арати, тхури, зэгъусэу,
зэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэун щIадзащ. Зэгъусэу уэрэд жаIэ, Іуэху яIэм зэгъусэу
зэдащIэ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ зымахуэ гуэрым Мыщэ-лъэбышэ унэмкIэ
блэкIрэ пэт, уэрэд зэхех, къоувыIэри мэкIий, мэгуо:
- Унэ цIыкIу, унэ цIыкIу! Хэт уи деж щыпсэур?
- Сэ сы-Дзыгъуэ-гъуэрыс цIыкIущ.
-Сэ сы-Хьэндыркъуакъуэ-джэрей цIыкIущ.
- Сэ сы-ТхьэкІумэкІыхь-къэжыхьырейщ.
- Сэ сы-Бажэ дахэ цIыкIущ.
- Сэ сы-Дыгъужь гъуабжэщ.
- Сэ сы-Мыщэ-лъэбышэщ.
- КъакIуэ, ди гъусэу упсэунщ!
ГъэсакIуэ: Мыщэм, унэм щIыхьэну еIэм-еIэурэ щыщIэмыхьэфым, унащхьэм
щыдэпщей къудейм - бых! – жиIэу унэр зэхикъутащ.
Унэм щIэса псори лажьэ лъэпкъ ямыIэу къелахэщ.
ГъэсакIуэ: Ахэр зэхуэсыжри, щхьэж хузэфIэкIыр ящIэурэ, зэгурыIуэу,
зэдэIуэжу япэрейм нэхърэ нэхъыфIыжу унэ ящIыну еувэлIащ.
Iэпхъуамбэхэр зэрагъэджэгу джэгукIэ «Унэ»
ТIыркъ, тIыркъ.
Зэныбжьэгъхэм унэ дощI.
И унащхьэри ин дыдэу
(ди Iэхэр лъагэу доIэт)
Мисс мыпхуэдэу.
И щхьэгъумжэхэр бгъуэ дыдэу,
(ди Iэхэр ибгъуапIэмкIэ догъэлъагъуэ)
Мисс мыпхуэдэу.
ХьэщIэ Iэджи дэ къедджэнщ.
(къедджэ хуэду дощI)
Ди гуфIэгъуи хэдгъэплъэнщ.
(Iэгу доуэр) (Ди Iэхэр зэрыдоубыдыж)
ГъэсакIуэ: Иджы цIыкIухэ дэ сабий садым дгъэзэжын хуейщ.
Ди нэ цIыкIухэр зэтыдопIэри щэм нэс добжэ.
Зы, тIу, щы, ди пэш дахэм дэ докIуэж.
(дыкъыщохутэж)
- фигу ирихьа дыздэщыIар?
- хъэрзынэ дыдэуи дыджэгуащ.
Скачать